Новый релиз от лейбла «Kavkaz Music»: вышел альбом Марианны Хуповой «Лъагъуныгъэ уэрэд»

Последние премьеры

Исполнитель: Марианна Хупова @marianna_hupa
Название альбома: «Лъагъуныгъэ уэрэд» («Песня о любви»)

Слушать и скачать альбом Марианны Хуповой «Лъагъуныгъэ уэрэд»


    

Текст песен альбома Марианны Хуповой «Лъагъуныгъэ уэрэд»

«Лъагъуныгъэ уэрэд»

Си гур уи деж нэк1уауэ къысхуэк1уэжкъым.
Гъащ1эр к1эщ1  дыдэ сщыхъуауэ къысф1ощ1.
Уи нэ дахит1ыр слъагъуну соп1ащ1э,
Си гур зыхьэхум си псэр хуоп1ащ1э.

Лъагъуныгъэ уэрэдыр щэхуу бжызо1э
Сызэхэпх сф1эщ1у си псэр нысф1о1э
Си лъагъуныгъэм и макъ зэхэпхам
Ди псэ гъуэщахэр зэрыщ1эжынт

Мазэм и закъуэ уэгум щозэш,
Вагъуэбэ жэщыр къыдихьэх ф1ощ1
Уи гури си псэм къыдихьэхыну
Мазэм и нурым къысхуегъэ1ущ.

Си гум илъ щэхур згъэпщк1уу къысщохъу
Ауэ си нит1ым на1уэ сыкъащ
Си псэр п1ейтейуэ махуэхэр мак1уэ
1эмал симы1эу гъащ1эри сф1ок1уэ

«Лъагъуныгъэ» «Свадебная»

Мазэр къухьэжу,дыгъэр къыщ1эк1ыу
Уи лъагъуныгъэм сэ сыхущ1экъуу,
Пшэр зэхэк1ауэ,вагъуэр къэблауэ
Ди насыпит1ыр Тхьэм зэхуишауэ,
Гуф1эгъуэ махуэу ц1ыху зэхыхьауэ,
1эгуауэ макъыр унэм къыщо1у

Хыхьащ мы си гум лъагъуныгъэ
Ар розэм хуэдэу къэгъэгъащ.
Уэращ си щауэ ар зылъыхъуэр
Уи нэгум гъащ1э щ1эслъэгъуащ

Мазэр къухьэжу,дыгъэр къыщ1эк1ыу
Си псэм хэслъхьащи уи нэ дахит1ыр
Ди насыпит1ыр Тхьэм зэхуишауэ
Гуф1эгъуэ махуэу ц1ыху зэхыхьауэ
Пщ1ант1э хуит дахэм утыку дихьауэ
Мэкъамэ дахэр дэ догъэджэгу

Мазэр къухьэжу дыгъэр къыщ1эк1ыу
Уи лъагъуныгъэм сэ сыхущ1экъуу
Пшэр зэхэк1ауэ,вагъуэр къэблауэ,
Ди насыпит1ыр Тхьэм зэхуишауэ,
Гуф1эгъуэ махуэу ц1ыху зэхыхьауэ,
1эгуауэ макъыр унэм къыщо1у.

«Лъэмыж гъуэгу»

Льагьуныгьэ гуащ1эурэ
Дызыгьэгумащ1эмэ,
Дунейр дэщ1эращ1эурэ,
Ди псэм зеузэщ1
Ф1ыщэурэ сэ сльагьумэ,
Сыкьэпльагьуу жып1эурэ,
Мазэр ди щыхьэтурэ
Нэхур дэ догьэщ.

Мы ди жэщ дахащэурэ
Вагьуэхэр зи бащэмэ,
Зы1эпишэу ди псэхэр,
Гумащ1э дыкьещ1
Псым сызэпырыпшурэ
Льэмыж ц1ык1ум сипшурэ
Укьызэ1ущащэурэ
Гугьэф1хэр согьэщ1

Ди насып зэпищ1урэ
А льэмыжым сф1эщ1урэ
Пшапэ гьуэгук1э дишурэ
Си гум укьельыхьу
Льыхьу кьысхуэбгьэк1уатэмэ
Ныбжьыр хэмык1уатэурэ
Псори кьыдэхьуапсэурэ
гьусэ сыпхуэхьунт.

«Си анэ» «Мама»

Дэ жэщи махуи уэрщ ди нэгу щ1эмык1ыр
Уэращ насыпу ди1эр,ди дунейр
Уи лъабжьэм дыщ1этыну тхузэф1эк1ым
Нэхъ насыпышхуэ ди анэ,дыхуэмей

Мазэр пшэм къыкъуэщу къыщ1эплъамэ
Уэр хуэдэ дуней пшапэр егъэнэху
Уэ уи бынхэр дынасыпыф1эщ,мама
Гъащ1эм уузыншэу уэ уди1эху

Мы гъащ1э гъуэгур уэрщ тхуэзыгъэнэхур
Унагъуэми и лъабжьэри уэращ
Илъэсхэр к1уэху уи бынуунагъуэ нэхур
Къудамэ ц1ык1ухэм хуэдэу къыпкъуэжащ

Зэманыр к1уащ унагъуэр дызэкъуэту
Жыгышхуэ дахэу дызэщ1эгъэгъащ
Гуф1эгъуи,нэщхъеягъуи зэдэт1эту
Дынасыпыф1эу Тхьэм дыкъигъэщ1ащ

«Си щэху»

Псэм упэсщ1у ф1ыуэ узолъагъу
Уи деж нок1уэ си псэр лъагъунлъагъу
Уэ сыноджэ пэтми зэхомых.
Сэ ит1ани си гум усхуимых

Ежьу. Нэхущ вагъуэу уэ сэ къысхущ1эк1.
Гум щызгъаф1э щауэр узблэмык1.
Си гухэлъхэм уэ зэ къыхуеплъэк1.
Гу къыслъыти дызэбломыгъэк1

Лъагъуныгъэ гъуэгу сытезыша.
Ф1ыщэ1еурэ си псэм илъэгъуа.
Сомыгупсысыну схулъэмык1.
Уэ нэгъуэщ1хэм дежк1э уемыплъэк1

Сызэпэплъэр уэ зыращ си щэху.
Игъуэ хъуащи си гур схуэмыпсэху.
Уэ сыноджэр кхъы1э сызэхэх.
Пщащэу щы1эм сэ зыр сакъыхэх.

Другие премьеры «Kavkaz Music»

Похожие статьи

Свежие премьеры

Присоединяйтесь к нам в сети

3 810 000Подписчиков
49 600Читателей
202 000подписчиков
14 200в сообществе
1 800на канале

Канал "Звук-М" на YouTube. Подписывайся на видеоклипы Кавказа!

Популярные статьи